- зэкIэщIэхын
- а) (зэкIэщIех) перех. гл. 1. расставить, раздвинуть (руки, ноги, крылья)/ Зыр зым бгъэдыхьэн, зэпэIэщIэ щIын, зэбгъэдэхын.* Унэ лъэгум къэмыс щIыкIэ абы {мэз джэдум} и лъакъуэ цIыкIухэр ину зэкIэщIихырт. Анэд. ИжьырабгъумкIэ, мэз лъапэм деж. . кхъухьлъатэр щылът, зи дамэр зэкIэщIэзыхыу зи джэджьейхэм тегъуэлъхьа джэдкъурт хуэдэ, щIым хэубгъуауэ. Iуащхь.2. рассадить, разделить/ Зэпэжыжьэу, зэпэщIэхауэ гъэтIысын, хэлъхьэн (жыг, къэкIыгъэ сыт хуэдэхэр).Жыгхэр зэкIэщIэхауэ хэсэн.3. кубано-зеленчукские переносное внести раздор, поссорить кого-л./ Зым игу зым егъэбгъэн, зэмыфI щIын, зэфIэгъэкIуэдын бзэгукIэ, хьилагъэкIэ, хъуэрщэрыгъэкIэ.Зэнэзэпсэу зэрылъагъу быныр цIыху бзаджэхэм зэкIэщIахащ.б) быть рассаженными, разреженными/ ЗэпэщIэхауэ, зэпэжыжьэу хэсауэ щытын (жыг сыт хуэдэхэр).МэракIуэхэр зэкIэщIэхауэ хэсат.
Словарь Кабардино-Черкесского языка. 2014.